- ДэнкIи блэщ, блэщ, нэлатыр къатихуэ, -
Гужьеигъуэм ихуа цIыхур кIийт.
Къриджащ абы блэшхыр щIыхьэхуу,
Щихъумэну и унэр бий ткIийм.
ИкIи блэшххэм щIадзащ я лэжьыгъэм,
Емыблэжу я гъащIэ, я бын.
Ахэр хуэкIуэт ерыщу я гугъэм,
Кърамытми я бын зэрапIын.
Къумми, губгъуэми, жыг хадэ Iувми,
ЩыIэ плъырхэм унафэ хуащIащ,
Кърамыдзэу блапцIэжь къапэувми,
Къыратхъыну шэрэзыр жраIащ.
Ауэ щэхуу къахыхьэри цIыхур,
Игъэкъуаншэу щIидзащ блэшх ешар.
ЖиIэт блэшххэм зэхаджэу и Iуэхур,
Зэран хъурэ, Iей защIэу ящIар.
Хьэ и гъусэу ар къэсри пщэдджыжьым,
Блэшхыр къэп къыздихьам иридзащ.
Блэшхыр магъ, къихутащи “лъэхъуэщым”,
“Сэ фIыщ сщIар,” - жи. Бэлыхьым хадзащ.
Сытми, блэшххэм удын къатещащэу,
Къэпхэм, мес, иракIутэ, якъуз.
Гуауэм, фэбжьым ящIауэ щхьэлажьэ,
Яхъуэж гъащIэм щхьэ я гур мэуз.
“Сыт къэхъуар? - къагурымыIуэу гупсысэт. -
ДаукIыну дыщIашэр сыт Iуэху?”
Хъуауэ жьы зы блэшх щIакъуэ я гъусэт,
Ар къопсалъэ, адрейхэм заущэху:
“Бельгием бжэнхэм щашхащ зы къэбыстэ,
Бзухэм прунж Китай губгъуэм щашхащ.
Мо Австралиер къызэщIагъэсту,
Блэшххэм блэфIу куэд Iей щаукIащ.”
Армыра, ауэ, хьэлэмэтыщэр:
Сэбэп хъууэ къалъытэу щытам,
ЯукIащ блэ-уэу зехьэу куэдыщэ,
Къыщапщыхьу щIыгулъ къэщIытам.
Абы щхьэкIэ щхьэхуещэ цIыху Iушэр,
ФIыщIэ папщIэу къыхуэфIым йопцIыж,
Мыпсэуф хъунщи цIыхухэр уэуншэу,
Мыпсэуф - ямыгъусэу блапцIэжь.
|